КIэрашэ Тембот къыщалъхуар? (1902 Куэшхьэблэ – 1988 Мейкъуапэ)
Сыт хуэдэ рассказ КIэрашэ Тембот итхауэ мэгъэм дызэджар? («ГъащIэм и дерс»)
Рассказымрэ повестымрэ сыткIэ зэщхьэщыкIрэ, дэтхэнэр нэхъ ин? (Повестым къызэщIиубыдэ теплъэгъуэхэри, хэт перснажхэм я бжыгъэри, къиIэт Iуэхугъуэхэри нэхъыбэщ, зытепсэлъыхь зэманри нэхъ убгъуащ рассказым нэхърэ)
«ГъащIэм и дерс» - м къыхэщыж персонаж нэхъыщхьэр? (Къамболэт)
Хэт сымэ Къамболэт лIыжьыр зи гъусэу къыхэщыр? (ЩIалэгъуалэм)
Илъэс дапщэ хъууэ къыхэщрэ Къамболэт? (70)
Абы къиIуэтэжа хъыбырыр хэтыт зытеухуар? (Езым, и щIалэгъуэм щыгъуэ къыщыщIауэ щыта зы Iуэхугъуэм)
А хъыбарыр сытыт абы щIалэгъуалэм щIажриIэжар?( Абыхэм а хъыбарым дерс къыхахын папщIэ, апхуэдэ щыуагъэ ямылэжьын папщIэ)
Iуэху мыхъумыщIэр щилэжьам Къамболэт илъэс дапщэ хъурэт? (25)
Сыт хуэдэ унагъуэт Къамболэт щапIар? (Хабзэм тет адыгэ унагъуэ)
А зэманым унагъуэм хэтыт унафэ щызыщIу щытар? (Адыгэм зэрахабзэу, нэхъыжьырат)
Сыт хуэдэ цIыхуу къыхэщрэ адэкъуэшыр? (Зи цIэр къраIуэу жылэм дэсахэм ящыщт, лIыгъэрэ хэхуагъэрэ зэрыхэлъым къыхэкIыу)
Дэнэт хьэщIэхэр здыщIашэр? (ХьэщIэщым)
ХьэщIэ къэкIуахэм щыщу дэтхэнэра нэхъ япэ гу зылъытапхъэр? (ХьэщIэхэм я нэхъыжьым)
Нэхъыжьым и тIысыпIэм зэреджэр сыт? (ЖьантIэ)
Къамболэт сыт хуэдэ хуитыныгъэ имыIар? (Сабиигъуэ иIакъым)
Сытыт щхьэгъэрытым ищIэн хуейр, и къалэныр? (ХьэщIэ къэкIуахэм Iуэхутхьэбзэ ухуищIэу, псынщIу, жану, Iущу ящхьэщытт)
Теплъэгъуэ цIыкIу къагъэлъагъуэ. Сыт абы къыщыгъэлъэгъуэжар?
Къамболэт шы къыщищэхум сытыт и адэкъуэшым къыжриIар? ("Мы шым щIагъуэ дэслъагъуркъым. Джэгу урикIуэ хъунущ, шурылъэс джэгу урихэтыну шы дахэкIейщ. Ауэ уи шыр мыбыкIэ умыхъуэжмэ нэхъыфIу къызолъытэ. умыпIащIэ, сэ нэхъыфI къыпхуэзгъуэтынщ")
Хуэдз шуууэ къыщикIыжым Къамболэт сыт хуэдэ къуажэхэм къаблэкIа? (Джыракъей, Хьэкурынэхьэблэ)
Гъуэгум шу нэхъыжь ущыхуэзэмэ, дауэ сэлам зэрепхын хуейр? (Адыгэ хабзэм ипкъ иткIэ, сэмэгурабгъумкIэ убгъэдыхьэу «ГъуэгуфI апщий, тхьэмадэ махуэ!» жепIэу сэлам епхын хуейщ)
Абы и жэуапу сыт къыжраIэн хуейр? ("НасыпыфIэ ухъу!" къыжраIэн хуейщ)
Къамболэт зыхуэза лIыжьым и теплъэмрэ и шымрэ рассказым дауэ къызэрыхэщыжыр? (Ар лIыжь зэкIужт, и цейр и Iэпкълъэпкъым екIупст. Ауэ а лIыжьыр зытес шыр Къамболэт теплъаджэу къилъытащ)
ЛIыжьым и къамэ Iэпщэр сытыт къызыхэщIыкIар? (И къамэ Iэпщэхэри и хьэзырхэри къупщхьэ фIыцIэт)
ЛIыжьым и шыныбэпхыр сытыт щIэмыкъузауэ щIыщытыр? (Шым зригъэгъэпсэхуну арат, гъуэгу кIыхь зэрытемытытыр абыкIэ къапщIэт)
Псори къызэрыкIа къамышыр къызыхэщIыкIар сытыт? (Къамышым и кIыр кIы гъум Iэрыхуэт, дыжьынкIэ зэщIэблат, дыжьыныр фIыцIабзэу саут тхыпхъэ дахэкIэ гъэщIэрэщIат, мыщIэ зэмыфэгъухэри хэгъэтIысхьат, Iэпэпсри псыгъуэу зэдикIыу екIуу щIат)
Дауэ гъэщIэрэщIат а къамышыр? (Къамышым и кIыр кIы гъум Iэрыхуэт, дыжьынкIэ зэщIэблат, дыжьыныр фIыцIабзэу саут тхыпхъэ дахэкIэ гъэщIэрэщIат, мыщIэ зэмыфэгъухэри хэгъэтIысхьат, Iэпэпсри псыгъуэу зэдикIыу екIуу щIат)
Къамболэт сыт игу къэкIар къамышым теухуауэ? ("Мы кхъахэр апхуэдэ къамышы къекIу сыткIэ хуей? КъыIэщIэспхъуэтрэ сыщIэпхъуэжмэ-щэ? Мы лIыжьыр игъащIэм слъэгъуакъым, дяпэкIи сыIущIэжыну къыщIэкIынкъым. Къамышыр зыIэщIэзгъэхьэрэ сыщIэпхъуэжмэ, зэфIэкIащ. И шы мыкIуэмытэжьымкIэ къыслъэщIыхьэхэнукъым.....")
ЩIэпхъуэжа нэужь сыт Къамболэт игу къэкIыжар? ("ЛIыжьыр си яужь иту сыкъихуу сыкъалъагъумэ, а дадэм мыхъумыщIагъэ гуэр зэресщIар къагурыIуэнурэ сыкърагъэубыдынущ" жери егупсысащ.)
ЛIыжьым сыт къыжриIар, Къамболэт кIэщIыхьа нэужь? (Дзэл къудамэ лантIэкIэ фIыуэ иубэрэжьри "Узыгъэсам жеIэж, мыпхуэдэу уагъасэмэ, нэхъ къызэрыпхэзэгъэнур" жиIэри ежьэжащ.)
Абы и жэуапу сыт Къамболэт лIыжьым жриIэжар?
Къамышыр ирихьэжьауэ здэжэм къызэплъэкIри сыт Къамболэт къилъэгъуар? (ЛIыжьыр шым къепсыхри мыпIащIэу и шыныбэпхыр щIикъузэжрэ кIэлъыщIэпхъуащ.)
Къамышым и хъыбарыр дауэ зэриухар?
Сыт хуэдэ чыкIэ лIыжьым Къамболэт зэриукIар? (Дзэл)
ЛIыжьым къамышыр дауэ къызэрищтэжар? (ЛIыжьыр жэрыжэм тету еIэбыхри къамышыр къищтэжащ, и жэрыжэм кIэримыгъэхууи щIалэм и ужь ихьэжащ.)
И адэкъуэшым дауэ хуэзэжа Къамболэт?
Адыгэ цIыхухъу фащэм и Iыхьэхэр къевбжэкIыт.